«Зимний фестиваль знаний 2025»

Сочинение о Гошокове

«Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъу»

« Си Хэку,

Ппэсщ1ыни сгъуэтынкъым,

Хэт къыптек1уэну дахагък1э?

Сыпхуэусэнуи сешынкъым,

Си адэжь Хэку, гъэ минк1э!»

( Гъуэщокъуэ Хъусин.)

Сыту мыхьэнэ куэд и1э Хэку псалъэм! Дунейм ц1ыхуу тетым хьэуа къабзэр яшэн зэрыхуейм хуэдэу, Хэкуи я1эн хуейуэ сэ къызолъытэ.

Хэкур- анэщ, псэщ, дыкъыздалъхуа щ1ыналъэщ. Сабийр дунейм къызэрытехъуэу и анэ быдзышэм хэту зыхешэ Хэкум и лъагъуныгъэр. Дыкъыздалъхуа щ1ыналъэм пэжыжьэ дызэрыхъуу, дыхуезэшу щ1ыдодзэ. Дыхуэзэш къуажэ уардэм, ди ц1ыху щыпкъэхэм, ди къэк1ыгъэ дахэхэм, ди псы жьгъырум. Дыхуозэш, сыту жып1эмэ дэ абы дыщыщ 1ыхьэщ. Сэ си Хэкуу собж сыкъыщалъхуауэ сызыщыпсэу си къуажэ дахэу –Куэш-Хьэблэ. Си щ1ыналъэ дахэ, сыт хуэдэ лъагъуныгъэ пхузи1э сэ уэ! Дунейм и щ1ып1э нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ ди щ1ыналъэр. Хэт и1э ди къурш дахэхэм хуэдэ, ди псы уэрхэм я къабзагъэм хуэдэ?

Сыт хуэдэ мыхьэнэ щи1э Хэкум ц1ыхум и гъащ1эм? Сытым ищ1ыс ц1ыхур Хэку имы1эмэ? Гъащ1эр мыхьэнэншэ мэхъу. Анэншэ гъащ1эр к1ыф1 зэрыхъум хуэдэщ, Хэкур пф1эк1уэда нэужь.

Хэкур ди гъащ1эм и зэманым и илъэс нэхъыф1хэр здек1уэк1а здек1уэк1а щ1ыналъэщ, ар ди щ1алэгъуэр здэдгъэк1уа щ1ып1эщ.

Олимпиады: Всеобщая история 5 - 11 классы

Содержимое разработки

«Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъу»



« Си Хэку,

Ппэсщ1ыни сгъуэтынкъым,

Хэт къыптек1уэну дахагък1э?

Сыпхуэусэнуи сешынкъым,

Си адэжь Хэку, гъэ минк1э!»

( Гъуэщокъуэ Хъусин.)



Сыту мыхьэнэ куэд и1э Хэку псалъэм! Дунейм ц1ыхуу тетым хьэуа къабзэр яшэн зэрыхуейм хуэдэу , Хэкуи я1эн хуейуэ сэ къызолъытэ.

Хэкур- анэщ , псэщ, дыкъыздалъхуа щ1ыналъэщ. Сабийр дунейм къызэрытехъуэу и анэ быдзышэм хэту зыхешэ Хэкум и лъагъуныгъэр. Дыкъыздалъхуа щ1ыналъэм пэжыжьэ дызэрыхъуу, дыхуезэшу щ1ыдодзэ. Дыхуэзэш къуажэ уардэм, ди ц1ыху щыпкъэхэм, ди къэк1ыгъэ дахэхэм, ди псы жьгъырум. Дыхуозэш , сыту жып1эмэ дэ абы дыщыщ 1ыхьэщ. Сэ си Хэкуу собж сыкъыщалъхуауэ сызыщыпсэу си къуажэ дахэу –Куэш-Хьэблэ. Си щ1ыналъэ дахэ, сыт хуэдэ лъагъуныгъэ пхузи1э сэ уэ! Дунейм и щ1ып1э нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ ди щ1ыналъэр. Хэт и1э ди къурш дахэхэм хуэдэ, ди псы уэрхэм я къабзагъэм хуэдэ?

Сыт хуэдэ мыхьэнэ щи1э Хэкум ц1ыхум и гъащ1эм? Сытым ищ1ыс ц1ыхур Хэку имы1эмэ? Гъащ1эр мыхьэнэншэ мэхъу. Анэншэ гъащ1эр к1ыф1 зэрыхъум хуэдэщ, Хэкур пф1эк1уэда нэужь.

Хэкур ди гъащ1эм и зэманым и илъэс нэхъыф1хэр здек1уэк1а здек1уэк1а щ1ыналъэщ, ар ди щ1алэгъуэр здэдгъэк1уа щ1ып1эщ. Нэхъыжьхэм дэ зыхыдагъэубыдэ дысабий щ1ык1э ди адыгэ хабзэф1хэр, игъащ1эк1э адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уахэр.

Гъуэщокъуэ Хъусин жи1ауэ щытащ: « Хэкум худи1э лъагъуныгъэр къыщ1едзэр унагъуэм и деж». Унагъуэм зэгуры1уэныгъэ илъмэ, нэмыс, пщ1э я1эмэ, бынри гъэса мэхъу. Сэ хуабжьу срогушхуэ сыкъызыхэк1а лъэпкъымрэ унагъуэмрэ. Сэ ди унагъуэм ис нэхъыжьхэм ядэслъэгъуащ хабзэф1 куэд, зыхэзубыдэмэ къысщхьэпэжынк1э къэслъытэу. Ныбжьыщ1эм и унагъуэм щ1эсым пщ1э яхуищ1мэ, и лъэпкъми, и Хэкуми пщ1э хуищ1ынущ. Дэнэ къыздыщ1идзэр Хэкур? Сэ сыщыщщ адыгэ лъэпкъым. Си Хэкумрэ лъэпкъымрэ гугъуехь куэд зышэчам ящыщщ, ауэ лъэгуажьэмыщхьэу зэи ягъэувыфакъым. Икъухьащ иджыпсту си лъэпкъэгъу куэд дунеишхуэм, ик1и сэ ар хуабжьу сигу къоуэ. Ауэ дэ псори догугъэ лъэпкъыр зы дыхъужыну, ди хэкуэгъухэми къагъэзэжыну.

Дэ иджыри дысабийщ, ик1и дунейм псори тыншу тет къытщохъур. Псом япэрауэ, ди Хэкум пщ1э хуэтщ1ын хуейщ, деджэу, абы и щ1ыхьыр ину зэрыт1этыным дыхущ1экъун хуейщ. Щ1эблэм зэдгъэщ1эну ди пщэ илъщ лъэпкъым и къек1уэк1ык1ар,

и блэк1ар. Дунейм тету къыщ1эк1ынкъым зы лъэпкъ ди хабзэф1хэм хуэдэ зи1э. Л1эщ1ыгъуэ куэдк1э къыдогъуэгурык1уэ ахэр лъэпкъым. Ди щ1эблэ къытщ1эхъуэнум хуэтхъумэн хуейщ ди хабзэ дахэхэр. Илъэс бжыгъэ куэдк1э щ1эбэнащ адыгэр и щхьэхуитыныгъэм ик1и хуэмыфащэу ирагъэбгынащ и Хэкур.

Ауэ дэ иджыпсту ди щ1эблэр хуиту допсэу, доджэ, долажьэ. Гукъеуэншэу дызэрыпсэум я ф1ыщ1э хэлъщ Хэку зауэшхуэм зи щхьэ зыгъэт1ылъа ди лъэпкъэгъухэм. Абыхэм я псэр ятащ, дэ тыншыгъуэр къытхуалъэщу. Зауэ дыджым и гуауэр здынэмыса щ1ыналъи, унагъуи къэнакъым. Илъэс бжыгъэ тек1ыжами , дэ а л1ыхъужьхэр тщыгъупщэжынукъым зэи , сыт щыгъуи дигу илъынущ. Сыт дунеим дыщ1ытетыр? Сыт хуэдэ мыхьэнэ и1э ц1ыху гъащ1эм? Сыт хуэдэ лъэужь къэдгъэнэфыну? Дэ куэдрэ дызоупщ1ыж. Упщ1эхэм жэуап еттмэ, жы1эпхъэщ: ди унагъуэм , 1ыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм ядэ1эпыкъун хуейщ. Ди Хэкур, къуажэр, дунейр хъумэн хуейщ. Ди къэралым и мылъкум хэгъэхъуэн хуейщ. Дэращ, щ1эблэрщ , абы хуитыр.

Сэ сыхуейщ щ1алэгъуалэр къыхуезджэну ди Хэкур зэрытхъумэжын хуейм. Хьэуар къабзэу, дунейр нэхуу щытыным папщ1э, тлъэк1 къэдмыгъэнэну. Дызэкъуэтмэ - дэ дылъэщщ! Дызэкъуэту ялъагъумэ, зыри къыттегушхуэфынукъым ик1и ди гугъу ящ1ынукъым.Псоми тхузэф1эк1 гуэрк1э ди Хэкум и сэбэп къэтхьмэ,ар хэлъхьэныгъэшхуэ хъунущ. Согугъэ ди Хэкум зиужьыну махуэ къэс, нэхъ дахэ, нэхъ лъэщ хъуну. Дэрк1э нэхъапэр – еджэнращи, тлъэк1 къэдмыгъанэу деджэнщи ди лъэпкъым, Хэкум сэбэп къыхуэтхьынщ.

Насыпышхуэу солъытэ Хэкум ухуэфащэу упсэуныр.

Хэхъуэ, зыузэнщ1, си Хэку дыщэ!



Получите свидетельство о публикации сразу после загрузки работы



Получите бесплатно свидетельство о публикации сразу после добавления разработки


Олимпиады «Зимний фестиваль знаний 2025»

Комплекты учителю



Качественные видеоуроки, тесты и практикумы для вашей удобной работы

Подробнее

Вебинары для учителей



Бесплатное участие и возможность получить свидетельство об участии в вебинаре.


Подробнее